Жэщыр хэкlуэтащ,
Уэшхым щигъэтащ.
Уэ гупщысэм уихьурэ
Нэхури къыптещащ.
Пщэдджыжь уэсэпс къабзэурэ
Нитlым нэпсыр щlокl,
Таурыхъ щlалэм уежьурэ
Гъащlэр блыбогъэкl.
Пщэдджыжь уэсэпс къабзэурэ
Нитlым нэпсыр щlокl,
Таурыхъ щlалэм уежьэурэ
Гъащlэр блыумыгъэкl.
Уиlэт щlалэ куэд —
Мылъхур зым и куэдщ,
Зыр пфlэдахэщ, зыр пфlэлъагэщ —
Къыхэпхынур хэт?
Мылъкум уэ уемыплъ,
Дэхагъэри уэс ткlужщ,
Лъагъуныгъэр, гухэлъ къабзэр
Зыхуэпщlар нэхъыфlщ.